Адолф Гитлер

Къыздихар Уикипедиэ
Мыбы кӀуэн: навигацэ, лъыхъуэн
Wikitext.svg Мы тхыгъэр викификациэ щӀын хуэй.
Зэгъэзэхуэн хуэй тхыгъэ зэгъэзэхуэн хабзэкӀэ.
Адолф Гитлер
Adolf Hitler
Адолф Гитлер
Сурэт 1933 гъэм щlа
Нып
Фурер Ещанэрей Рейхым
Нып
8 шыщхьэIум 1934 — 30 мэлыжьыхьым 1945
 
Къыщыхъуар: 20 мэлыжьыхьым 1889
Браунау Иннем, Аустрэ-Венгрым
Дунем щехыжьар: 30 мэлыжьыхьым 1945
Берлин, Джэрмэн
Адэр: Алоис Гитлер
Анэр: Клара Гитлер
Быныр: Ева Браун
 
ӀэпэкӀэдзыр: ӀэпэкӀэдзыр

Адолф Гитлер (джэр-бз. Adolf Hitler, 1889 мэлыжьыхьым и 20 — 1945 мэлыжьыхьым и 30) — идеологиэ национал-социализмыр къыригъэжьа, НСДАП политик партиэри, фурер Ещанэ Рейхым (1933-1945), Джэрмэным и дзэзэшэ нэхъышъхьэ ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм, агрессиэ политикэм хэта, иригъэкӀуэкӀа.

Биографиэр[гъэтэрэзын | edit source]

Къалэ Браунау Инным къэхъуа (а зэманым — Аустрэ-Венгриэ) Алоис Гитлеррэ и шъхьэгъусэ Кларэра я унагъуэм. Алоис Гитлерым 1876 гъэм нэгъунэ унэгъуэцӀэ Шиклгрубер зэрихьэ, абы шъхьэкӀэ куэдым ар Адолф Гитлер и унэгъуэцӀэдыду къащохъур ауэ ар апхуэду щыткъым.

Школыр къыуха яуж Венэм и арт академиэм кӀэхьэфакъым. Аустрэ-Венгрым дзэм къулыкъу имыхьыфу и узыншагъэмкӀэ Гитлерыр джэрмэн дзэм зыхетхэ къулыкъур ихьын, абым идежь Япэрей дунейпсо зауэм хохуэ и къуэхьэпӀэ гъунапкъым. Гъунапкъым идежь пӀэ ефрейторым носыр, абы пэмыкӀыу щӀыхьитӀ къэхь: ГъушӀ джорхэр II-рэ I-рэ степенхэу.

Джэрмэныр Япэрей дунейпсо зауэм зэр темыкӀуам Гитлер Ӏэуэ гурышхъуэ ишъыти 1919 гъэм Национал-социал лэжьакӀуэ партиэ (НСДАП) ешъыр. НСДАП-ым и мурадыр — Джэрмэн империэм къэру иӀэр зэфӀэгъувэжьын, антисемит тетыкӀэ, парламен демократиэр тегъэкӀауэ тоталитар ӀэнатӀэ щӀын — ахэр Гитлер и автобиографым итхэт — тхылъ Си Зауэ -м (джэр-бз. Mein Kampf).

Хом хомурэ НСДАП-ым и къэрур хэхъуэн щыкӀидзэм Гитлерым къэрал ӀэнатӀэр зауэкӀэ иубыдын гъугъэ ешъыр. 1923 гъэм, Гитлерыр НСДАП-м и штурым гупхэм яхэхьэ яуж, пивэфэм, Мунхен и администрациэ унэхэр яубыдын ежьахэ ауэ полициэм зэбгырахуахэ. ЯужкӀэ а къэхъуа хъыбархэм еджэн зэркӀадзар Пивэфэм и путч.

Гитлерыр илъэситху хьэпсэм исыну тралъхьэ шъхьэкӀэ абым яуж, мазэ 9 нэхъ темыкӀауэ яутӀыпщыжь. Хьапсэм идежь Гитлерым къыгуроӀуэ ӀэнатӀэм зэрӀухьэфынут хабзэ закъуэмкӀэ, абым емыбакъу.

Джэрмэным и лэжьыгъэ цӀэрыӀуэ ныбжэгъу иӀэхэм я сэбэпыгъуэкӀэ Гитлерым 1930-мрэ 1932 гъэхэм пэрламент хэхыгъуэм НСДАП-м депутат мандатхэм я нэхъыбэр къэхьыр. 1933 гъэм, щӀыщылэм Гитлерыр рейхсканцлер мэхъур, 1934 гъэм, Джэрмэным и президент Гинденбургыр дунем ехыжьа яуж Ещанэрей Рейхым и фурер мэхъур.

ӀэнатӀэм зэрыӀухьэм хуэду Гитлерым и политик оппонентхэр Ӏуэххэри лъыгъажэкӀэ яужым къэралым тоталитар диктатурэ трегъэувэ. Джэрмэным концентрациэ лагер бжыгъэ яшъхэр абым и режимым пэщытхэм шъхьэкӀэ.

В 1938 гъэм Джэрмэным Аустрэр (Аншлюс) хагъэхьэ, 1939 гъэм — Чехослоуакыр (Мюнхен тхылъ). 1939 гъэм фокӀадэм и 1 джэрмэн дзэхэр Полшэм тоуэхэ, ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр кӀедзэ. 1940 гъэм Вермахт (джэрмэн дзэр) Еуропэм и нэхъыбэр яубыд. 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22 Вермахтым къыӀомыху зауэ зэркӀидзэр ССЗР-м тоуэ.

1945 гъэм совет дзэхэм къадэшъ дзэхэм ядэкӀыгъу Джэрмэн кӀуэцӀым хэхьэн кӀадзэ. 1945 гъэм мэлыжьыхьым и 30, Джэрмэным зэр текӀуахэр Гитлерым къыщыгурыӀуэм - зеукӀыжь, кӀэрахъуэмкӀэ ишъхьэм еу.

ТехьэпӀэхэр[гъэтэрэзын | edit source]