Латиныбзэ

Къыздихар Уикипедиэ
Мыбы кӀуэн: навигацэ, лъыхъуэн
Латиныбзэ
Сурэт
Lapis niger ( — нывэ фlыцlэ)
Зэрзэджэр: lingua latina, lingua romana
Къэралхэр: КъуэхьэпӀэмрэ Ипшъэ Еуропэмрэ, КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъу, Ишъхъэрэ Африкэ (I - V лъэхъэнэхэм)
Статус официалыр: Ватикан
Дунем тетыжькъым: Тхыбзэр романыбзэхэмрэ джэрмэныбзэхэмрэ зэкӀашта XII - XV лъэхъэнэхэм (КъуэкӀыпӀэ Еуропэм XVII лъэхъэнэм), щӀэныгъэ лэжьыгъэхэм XVIII лъэхъэнэм нэс хэта, хъушхъуэгъуэхэм, пӀалъэщӀэныгъэмрэ католицизмымрэ иджыри къыздынэсым къагъэсэбэп
ПсалэкӀэ бзэм: яужым романыбзэхэр къыхэкӀа IX - XII лъэхъэнэхэм
Классификациэ
Категориэ: Еуразиэм и бзэхэр
Индоеуропэ унагъуэ
Италий лъэныкъуэгъу
Латин-фалискэ гуп
Тхыбзэр: латин
Бзэ кодхэр
ISO 639-1: la
ISO 639-2: lat
ISO 639-3: lat

Латиныбзэ иэ Латин (lingua latina) — латин-фэлий гупым хэт италий бзэхэм индэеуропэбзэхэм я унагъуэм. Нобэкlэ абы изакъуэ къагъэсэбэпыр италий бзэхэм ящыщу.

Латиныбзэр нэхъ пэсырей дыдэхэм ящыщ, тхыпхъэ зиlа индэеуропэбзэхэм.

Нобэ латиныбзэр lаташъхьэ бзэуэ Ватикан къэралым ей, абы пэмыкlыу Рим-Кэтолик Чылисэм.

Псалъэ куэд еуропэбзэхэмрэ адрей бзэхэми яlу латиным къыхэкlа.

Тхыдэ[гъэтэрэзын | edit source]

Латиныбзэр оскыбзэмрэ умбрыбзэмрэ яхэту италий лъэныкъуэм хэтхэт индэеуропэбзэ унагъуэм. Пэсырей Урымыр зэфlэувэн, къэру къыштэн щыхъум лэтиныбзэм адрей италий бзэхэм яшъхьарыуву кlидзэри хом-хому lанатlашъхьар къишта ишъхърэ Еуропэм.

Латиныбзэр тхыдэмкlэ зэрзэфlэувар щыуэ бгуэч хъуну, езым икlуэцlымкlи эволуциэ иlамрэ адрей бзэхэмрэ езымрэ зэрзэпылъахэмрэ.

Къызэрыхъуар[гъэтэрэзын | edit source]

Къызэрыхъуар бзэм хуэду ди лъэхъэнэм ипэкlэ II. Ди лъэхъэнэм ипэкlэ I икlэдзэгъуэм, лэтинэбзэкlэ хэку Лациэм (лат. Latium) здэпсалъэтэр, а хэкур Апеннин хы тlыгуныкъэм икъуэхьапlэм лъэныкъуэм хэта Тибрэ ипсыхъуэкlагъымкlэ.. Лъэпlкъ Лациэм дэсам латинкlэ яджэт (лат. Latini), бзэми зэреджэр арат. А хэкум иlаташъхьа къалэр Риму щыта (лат. Roma), абы ицlэ яужкlэ ихъуреягъым щыса лъэпlкъхэм зытраlуар зэгуэхьа нэужыуи, рим хъуахэ (лат. Romani)

Классикэ Латин[гъэтэрэзын | edit source]

Классикэ Латин - абы къырагъэкlыр бзэр щызэфlэувар, щыгъэгъар усэмкlэ, тхыгъэмкlэ Цицеронымрэ (106-43 ди лъэхъэнэм ипэкlэ) Цезэрымрэ (100-44 ди лъэхъэнэм ипэкlэ), абы пэмыкlыу усэхэр Вергилиэ еуэ (70-19 ди лъэхъэнэм ипэкlэ), Горациэ (65-8 ди лъэхъэнэм ипэкlэ), Овидиэмрэ (43 ди лъэхъэнэм ипэкlэ - 18 ди лъэхъэнэм)

Классикэ латиным изэфlэувэныгъмрэ игъэгъэнымрэ дэlапыкъутэр Римыр ипшъэ еуропэм икъэрал нэхъ ин зэрыхъуар, къэхьапlэ, къэкlыпlэ Еуропэр иубыдауэ, ишъхъэрэ Африкэмрэ Азиэ цlыкlумрэ. Рим къэралым икъуэкlыпlэ хэкухэм (Алыджым, Азиэ цlыкlум, Африкэм ишъхъэрэ хы lуфэхэм) римхэм щаубыдам иде алыджыбзэмрэ алыдж културэ гъэпсамрэ зэрахьати, латиныбзэр зэрапэсакъым. Пэмыкlыу lоху зэртетар къуэхьапlэ Еуропэм.

II ди лъэхъэнэм ипэкlэ латиныбзэкlэ Урым закъуэм ишlыпlэтэкъым псэлъэн здыкlадзар. lаташъхьа бзэ хуэду къэраль яубыдахэм макlуэ: Переней хы тlыгуныкъуэмрэ идырей Фрэнджым ипшъэмрэ. Апхуэду бзэр нэхъыбу зыхэхьа лъэпlкъхэр римхэм нэхъ ягъунэгъу щысхэра-келт лъэпlкъхэр Галлиэ хэкум исахэр (иджырей Фрэндж, Белгиэ, Нидерлэнд, Шуэцарэ). 476 гъэхэм лъэпlкъ Галлиэмрэ, Британиэмрэ исахэм латинэбзэр куэду къахонэр, джэрман лъэпlкъхэми хуэду.